2 Гъуэгу махуэ теуващ Зиусхьэным бзаджагъэ зыхуимылъагъур, зигу хьилагъэ имылъыр!
Зиусхьэным щӀыхь хуэщӀ, сигу, Абы и фӀыщӀэ псори зыщумыгъэгъупщэ.
Корах и къуэхэм папщӀэ. Уэрэд
Ауэ анэ бгъафэм къыщӀача сабийм хуэдэу, си гур згъэӀэсащ, згъэсабыращ, анэ быдзышэм хуэмыныкъуэж сабийм хуэдэу, сигукӀэ сыхъуащ иджы.
Тхьэр зэи зыми нэкӀэ илъэгъуакъым, ауэ фӀыуэ дызэрылъагъумэ, Тхьэр ди псэм хэлъщ икӀи и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ ди гум илъщ.
Си пкъыр зышхыу, силъми ефэм и псэм сыт щыгъуи сыщыщщ, езыри сэ си псэм щыщщ сыт щыгъуи.
Сэ нывжызоӀэ, яхуэфащэр псынщӀэу ялъигъэсынущ. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ щигъуэтыну?
Уи Ӏэр лъагапӀэм къешиехи, сыкъегъэл, псыбэм сыхэшыжи; хамэ цӀыхухэм саӀэщӀэхыж,
Уэ игъащӀэкӀэ, Зиусхьэн, Псоми Уранэхъ Лъагэщ!
Псоми Я нэхъ Лъагэм и бгъафэм щыпсэу, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэм и жьауэ щӀэтым
Пшынауэхэмрэ уэрэдыӀуэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «Шошаним-Эдут» уэрэдым и макъамэр щӀэлъу. Асаф и уэрэд
ПӀэм сыхэлъу сигу укъокӀыж, жэщ къэрэгъулым я зэманым сыногупсыс,
Уэ, Зиусхьэну си Тхьэ! ЩхьэегъэзыпӀэкӀэ зыныпхузогъазэ сэ; сыкъезыхуэкӀхэм псоми сащыхъумэ, саӀэщӀэх;
Сыгъэунэху, Зиусхьэн, сыуплъэкӀу; си гуи си пси гъэунэху;