2 Уэ, Зиусхьэн, щхьэегъэзыпӀэ узощӀ, емыкӀу къызремыхь игъащӀэкӀэ, гугъуехьым сыхэшыж уи щыпкъагъэкӀэ.
Зиусхьэн! Губжь лыгъейм ухэту сумыгъэкъуаншэ, ущыгубжькӀэ сумыгъэпшынэ.
уи псэупӀэм мамырыгъэр щегъэбыдэ; гуэдзыфӀкӀэ уегъашхэ,
Ищхъэрэри ипщэри Уэращ къэзыгъэщӀар; Табори Хьэрмони уи цӀэм и щӀыхьыр я гуапэу щаӀуатэ.
Абдеж Ибрэхьим Тхьэм елъэӀури Тхьэм игъэхъужащ Абимэлэх, абы и фызри, абы и унэӀут цӀыхубзхэри, лъхуэни щӀадзэжащ абыхэм.
Тхьэм хуэщыпкъэхэм ар ялъагъунщ, Зиусхьаным щышынэнущ, А цӀыхум щыдыхьэшхыурэ, жаӀэнщ:
Си нэхэр къэгъаплъэ уи хабзэм и щӀагъуэхэр зэзгъэлъагъуну.
Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ; сыту жыпӀэмэ сэ Абы щытхъу хуэсщӀынщ ыджыри, – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.
Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ. Зиусхьэным, сигу, щӀыхь хуэщӀ.