12 Си бийхэми си гъунэгъу дыдэхэми – псоми сауб, си нэӀуасэхэмкӀи шынагъуэ сыхъуащ: уэрамым къыщызихьэлӀэхэр збгъэдож.
Сыпсэуху, щӀыхь хуэсщӀынщ Зиусхьэным; сэ сыпсэуху, Зиусхьэным щӀыхь уэрэд хужысӀэнщ.
Щыпкъагъэр фӀыуэ уолъагъу, бзаджагъэр уи жагъуэщ уэ; абы папщӀэ Тхьэуэ уи Тхьэм гуфӀэгъуэр уигъэгъуэтащ, уи гъусэхэм ебэкӀыу.
БзаджащӀэхэу сэ къыстебанэхэм самылъагъуну, саукӀын зыфӀэигъуэ си бийхэу сыкъэзыувыхьхэм сащыхъумэ.
– Сэ нывжызоӀэ, – жиӀащ Хьисэ, – абыхэм щагъэтмэ, мывэхэр къэгуоунущ.
Дэ Ӏуэхуу тлъэгъуамрэ зэхэтхамрэ дымыӀуэтэжу хъунукъым.
Егъэзыгъэ цӀыхухэр залымыгъэкӀэ ягъэпсэухэр яӀэщӀехыж; и цӀыхухэм я псэхэр абы дежкӀэ лъапӀэщ.
ИрекӀуэд псы блэжым хуэдэу; щашэшӀкӀэ зыпыщӀыкӀа шабзэшэм хуэдэ ирехъу.
ЦӀыху тхьэмыщкӀэм гухэлъу иӀэр вгъэкӀуэдыну жыфӀащ, ауэ Зиусхьэныращ абы и щхьэегъэзыпӀэр.
«Ӏэмин! ФӀыщӀэшхуэр, щӀыхьышхуэр, акъылыфӀэгъуэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, къаруушхуэр игъащӀэкӀэ зейр ди Тхьэрщ. Ӏэмин!»
Абыхэм я чэнджащэ сыхыхьэркъым, я зэхуэсым сыхэлажьэркъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр щыгубжькӀэ, цӀыху яукӀ, езыхэм я щхьэзыфӀэфӀыгъэкӀэ зэпаупщӀ танэм и хуэхэр.