Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 3:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Сыкъэлъагъу, Зиусхьэн! СымыкӀуэдыну сыкъегъэл, си Тхьэ! Бийуэ сиӀэ псоми я нэкӀур яхущӀыбоуд, цӀыху бзаджэхэм я дзэхэр яхубогъэщащэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 3:8
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

МакъышхуэкӀэ къэджащ ахэр: «Ди Тхьэуэ тахътэм тесымрэ Щынэмрэщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр».


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэрщ щӀыхьышхуэр зейр. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, уафэм къикӀыу, гурэ псэкӀэ Тхьэм и нэфӀ лъэныкъуэ псомкӀэ къытщыхуащ.


– ЦӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэ и закъуэщ. Абы и цӀэм нэмыщӀ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыфын Тхьэм уафэм и щӀагъым щӀэт цӀыхухэм иритауэ зыри щыӀэкъым.


Тхьэм езым и Къуэр къыщигъэлъагъуэм, лъэпкъхэм ящыщу япэ дыдэу къызыхуигъэкӀуар фэращ, фэ фщыщ дэтхэнэри и гъуэгу мыхъумыщӀэм трыригъэгъэкӀыу и нэфӀ къыщригъэхуэн щхьэкӀэ.


Ауэ Тхьэм и унэшхуэм сыщыщӀыхьэм, къызгурыӀуащ кӀэухыу яӀэнур.


Уафэм къиӀукӀ гупышхуэм я макъышхуэм хуэдэ макъышхуэм жиӀэу зэхэсхащ абы и ужькӀэ: «Аллилуя! Тхьэращ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр. ЩӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ.


Сызэхэхи, Зиусхьэн, къысхуэгъэгъу; Зиусхьэн, дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъу».


Бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ фыпемыгъуэкӀ, къыфщӀэнакӀэм фыщӀэмынэкӀэж. Абы и пӀэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀыр къыфщрехуэ», яжефӀэ; и бынхэм ящыщ фыхъуну Тхьэм фыкъыщӀыхуриджар абы и нэфӀыр къызэрыфщыхуэнур фэ ӀыхьэфӀу къыфлъысыну арщ.


«ИпэжыпӀэкӀэ си нэфӀ къыпщыхуэнущ, бын куэди къыптезгъэхъукӀынущ».


ЗыкъэӀэт, Зиусхьэн, тепщэныгъэр цӀыхум иремыубыд, хамэ лъэпкъхэр уи хьэкум тахътэм и пащхьэм иреувэ.


Ахэр пщыхьэщхьэкӀэ къокӀуж, хьэхэм хуэдэу пщӀэууэ, къалэ гъунэхэм къыщаджэдыхь.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ