6 Сигу псэхуауэ согъуэлъри сожей, сыкъотэджыж, сыту жыпӀэмэ си щӀэгъэкъуэнщ Зиусхьэныр.
А псом яужкӀэ, иджыри сыт жытӀэнур? Тхьэр ди гъусэмэ, хэт къытпэувын зылъэкӀынур?
Зи Ӏэхэр къабзэу, зигу хейр, зигу бзаджагъэм хуэзымыгъазэу, тхьэрыӀуэ нэпцӀ зымыщӀыр арщ.
Ди Тхьэм щыхь уэрэдыр хужыфӀэ, щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ, ди пащтыхьым щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ, хужыфӀэ.
Ӏэгу феуэ цӀыху лъэпкъ псори, гуфӀэгъуэм и макъ лъэщкӀэ Тхьэм зыхуэвгъазэ;
Сыт зыкъызыхуаӀэтыр щӀым щытепщэхэр, зэгуроӀуэ тепщэныгъэ зиӀэхэр, Зиусхьэнми Абы Хихами пэувыжхэу?