3 Сэ къыстепсэлъыхьу, куэдым жаӀэ: «Утыкум ар Тхьэм къринащ».
ЩӀыхьыр зейр Зиусхьэнырщ, сыту жыпӀэмэ си лъэӀу макъ Абы зэхихащ.
МафӀэ хъуаскӀэхэр къахегъэлъэт Зиусхьэным и макъым.
А къэхъукъащӀэхэм я ужькӀэ Зиусхьэныр Ибрам къыхуэлъагъуэри и псалъэ къылъигъэсащ: – Умышынэ, Ибрам; Сэ уэ СыуимэӀухущ; уи ӀыхьэфӀыр ин хъунущ.
ПӀэм сыхэлъу сигу укъокӀыж, жэщ къэрэгъулым я зэманым сыногупсыс,
ЗэӀущӀэнщ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэмрэ, щыпкъагъэмрэ мамырыгъэмрэ зэбэунщ.
Тхьэм и щӀыхьыр яӀэт уафэхэм, и ӀэщӀагъэм и хъыбар еӀуатэ уафэлъащӀэм.
А къалэр зыгъэнэхун дыгъи мази хуэныкъуэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щӀыхьышхуэм а къалэр егъэнэху, Щынэр а къалэм и нэхугъэщ.
Щыпкъэщ Абы и ӀэщӀагъэхэр, захуэщ, пщэрылъ ищӀахэр дзыхьщӀэгъу защӀэщ.
Фэ, зыкъызыфӀэщӀыжхэм, си щӀыхьыр сыт хуэдизрэ вгъэпудыну? Ӏуэху пщӀэншэхэм зыдевгъэхьэхыу, пцӀым сыт хуэдизрэ фыхэтыну?
А къалэшхуэ лъапӀэм Тхьэм и щӀыхьышхуэр иӀэт. Кристаллым хуэдэу къабзэт, яспис зи цӀэ мывэ лъапӀэ хужьым хуэдэу лыдырт ар.
Ар хамэ лъэпкъхэм щыпкъагъэ езыгъащӀэ нэхурщ, Израил уи лъэпкъыр щӀыхьышхуэ иӀэу зыщӀынури арщ».
Махуищ дэкӀмэ, фирхьэуным уиутӀыпщыжынурэ уи увыпӀэу щытам уигъэгъэзэжынущ, япэм зэрыпщӀэу щытам хуэдэуи ӀэщӀэплъхьэнущ фалъэр фирхьэуным.