2 Зиусхьэн! Сыту куэд зэрыгъэхъуа си бийхэр! Сагъэбийуэ, куэдым зыкъыспаӀэт.
Пащтыхь псоми щхьэщэ къыхурыращӀ абы; хурелажьэ хамэ лъэпкъхэр.
Уи нэхунэрэ щыпкъагъэу пхэлъымрэ къыслъэгъэӀэс; абыхэм срырешажьи, срешэ уи Ӏуащхьэ лъапӀэмрэ уи унэшхуэ узыщыпсэумрэ я деж.
Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ зигу илъыр Езым папщӀэ къызэрыхихар зэвгъащӀэ: сэ сыщеджэкӀэ Зиусхьэным сызэхех.
СыныщоджэкӀэ сыкъызэхэх, Тхьэуэ си хьэкъыр сэ къызэзыт! ЩӀыпӀэ зэвым сыщихуам, ар Ӏэхуитлъэхуит схуэпщӀащ. ГущӀэгъу къысхуэщӀ, си тхьэлъэӀур къызэхэх.
Сыкъэлъагъу, Зиусхьэн! СымыкӀуэдыну сыкъегъэл, си Тхьэ! Бийуэ сиӀэ псоми я нэкӀур яхущӀыбоуд, цӀыху бзаджэхэм я дзэхэр яхубогъэщащэ.
Ауэ Уэращ, Зиусхьэн, мэӀуу сыкъэзыхъумэр, текӀуэныгъэр сэзыгъэгъуэту, си щхьэр лъагэу сэзыгъэӀэтыр.
Ерусалим лъэныкъуэ псомкӀи Ӏуащхьэхэм къызэраухъуреижым хуэдэу, Зиусхьэныр и цӀыху лъэпкъым, иджы щегъэжьагъэу игъащӀэкӀэ, лъэныкъуэ псомкӀи къыбгъэдэтынущ.