9 Зиусхьэным и макъым жыгейхэр егъэсыс, мэзхэр еупцӀэн; Абы и унэ лъапӀэм щӀэс псоми щӀыхьышхуэ хуащӀ Абы.
«Уэ, Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэм, Иудэ лъэпкъым и пашэхэм нэхърэ зыкӀи унэхъ цӀыкӀукъым; зы пашэ уэ къыпхэкӀынущи. Мэлыхъуэр мэлхэм зэракӀэлъыплъым хуэдэу, а пашэр си Израил лъэпкъым кӀэлъыплъынущ».
Фэ фи гур къигъэплъэжынуи Тхьэм солъэӀу. Апхуэдэу сыщӀелъэӀур Тхьэм фыкъызыхуриджа гугъэр фщӀэн щхьэкӀэщ. ИтӀани езым и цӀыху лъапӀэхэм драгъусэу щӀыхьышхуэ зиӀэ Ӏыхьэшхуэу Тхьэм къытлъигъэсри фщӀэн щхьэкӀэщ сыщӀелъэӀур.