7 Зиусхьэным гуащӀэ къызет, мэӀу къысхуохъу; сыщогугъ Абы сигукӀэ, сэ Ар къыздощӀ, си гур Абы къегъэжан; абы папщӀэ си уэрэдкӀэ щӀыхь хузощӀ Абы.
Тхьэм и гъуэгум текӀащ псори, щхьэрыуэри гъуэщащ; фӀы зыщӀэ яхэткъым – зы нэрыбги яхэткъым.
Къызэхэх си псалъэр, Зиусхьэн, си щэӀу макъым къедэӀу.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. ШыкӀэ пшынэкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд
Нэщхъеягъуэм еух си гъащӀэр си илъэсхэр – гызын, щэӀуным, къарууншэ сащӀащ си къинхэм, мэщащэ си къупщхьэхэр.
ЦӀыху бзаджэм къиныгъэр къобэкӀ, ауэ Зиусхьэным щыгугъым фӀыгъуэр къещӀэкӀащ.