1 Сыноджэ, Зиусхьэн: си абрэмывэм макъыншэ зумыщӀ, зыбущэхуу къызжумыӀэмэ, хьэдрыхэ ехыжхэм яхуэдэ сыхъунщ.
Аращи, гушхуэныгъэкӀэ жыдоӀэ: «Зиусхьэныр си дэӀэпыкъуэгъущи, зыми сыщышынэнукъым. ЦӀыхухэм сыт къызащӀэфынур?»
уи унафэ псоми си нэӀэ ятетмэ, напэншэ сыхъункъым.
Ауэ Зиусхьэным къызжиӀащ: «Сэ си нэфӀ нызэрыпщыхуэр уэркӀэ ирикъунущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ лъэкӀыныгъэ уимыӀэ щыхъукӀэ, си лъэкӀыныгъэшхуэр нэхъ къолъагъуэ». Мэссихь и лъэкӀыныгъэ схэлъ хъун щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэ зэрызимыӀэмкӀэ нэхъ си гуапэу сызыщытхъужынущ.
ЗэӀущӀэнщ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэмрэ, щыпкъагъэмрэ мамырыгъэмрэ зэбэунщ.
А псом яужкӀэ, иджыри сыт жытӀэнур? Тхьэр ди гъусэмэ, хэт къытпэувын зылъэкӀынур?
Хьисэ цӀыхухэм аргуэру яжриӀащ: – Дунейм и нэхур сэращ. Сэ си ужь къиувэр кӀыфӀыгъэм хэтынукъым, атӀэ гъащӀэм и нэхур игъуэтынущ.
Шхын ӀэфӀым арэзы сыкъищӀауэ, уи щӀыхьыр гуфӀэгъуэшхуэкӀэ сӀуэтэнщ.
ЛъэкӀыныгъэ къызэзыт Хьисэ Мэссихь и къарукӀэ псори сщӀэн слъэкӀынущ.
Уогий Уэ укӀытэ зимыӀэхэм, гыбзэ зытелъхэм, уи унафэхэм текӀхэм.
А къалэр зыгъэнэхун дыгъи мази хуэныкъуэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щӀыхьышхуэм а къалэр егъэнэху, Щынэр а къалэм и нэхугъэщ.
Уэращ Тхьэр! Уэращ си Тхьэр, сыплъохъу, сигукӀи си псэкӀи сыпхуозэш; щӀыгу нэщӀым, щӀыгу гъущӀам сыщыӀэу, щӀыгу псыншэм сыщыӀэу си пкъыр пхуопабгъэ.
Жэщ хъужыныкъым. Уэздыгъэм и нэхуи, дыгъэм и нэхуи хуэныкъуэжынукъым ахэр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэну Тхьэм нэху яритынущ. Тепщэныгъэ яӀэнущ игъащӀэкӀэ.
Нэху пэжу цӀыху псори къэзыгъэнэхур дунейм къытехьэну щытащ.
МакъышхуэкӀэ къэджащ ахэр: «Ди Тхьэуэ тахътэм тесымрэ Щынэмрэщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр».
цӀыху лъэпкъ псоми я пащхьэм уэ щыбгъэхьэзырауэ, цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур си нэхэмкӀэ слъэгъуащи.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Бзэпсий зэрылъ пшынэкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд
Сыкъэлъагъу, Зиусхьэн! СымыкӀуэдыну сыкъегъэл, си Тхьэ! Бийуэ сиӀэ псоми я нэкӀур яхущӀыбоуд, цӀыху бзаджэхэм я дзэхэр яхубогъэщащэ.
ЦӀыхухэр мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур цӀыху псоми ялъагъунущ».
– Сыт апхуэдизу фыщӀэшынэр фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр? – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. ИтӀанэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми псыми егийри, дунейр щым дыдэ хъужащ.
Уэ Тхьэ, дэ зэхэтхащ ди тхьэкӀумэкӀэ, ди адэхэм пасэ зэманым Уэ бгъэхъахэр къытхуаӀуэтэжащ дэ.