3 Дзэр къызэбгъэрыкӀуэми, сышынэнкъым, сигу къэдзыхэнкъым, къыспэтэджми зауэр – абы щыгъуэми сиӀэнщ гугъэ.
Тхьэр нэхугъэм зэрыхэтым хуэдэу, нэхугъэм дыхэту дызекӀуэмэ, дызэгъусэщ, икӀи Тхьэм и Къуэу Хьисэм и лъыуэ жорым щыщӀэкӀам гуэныхь псори ди гум ирегъэкъэбзыкӀыж.
Адэ лъапӀэм унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, уи бынхэм ящыщ зыкъом щыпкъагъэм тету псэууэ щыслъагъум, куэду сыгуфӀащ.
Зыр зым фӀыуэ хущрет, гущӀэгъу зэхуэфщӀ икӀи зым адрейм хуэвгъэгъу, Мэссихь и хьэтыркӀэ Тхьэм фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми, дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ, и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.
Дэ псоми, зи нэгу щӀэмыӀуфауэ, Зиусхьэным и щӀыхьышхуэм, гъуджэм иплъэ хуэдэ еплъхэм, нэхъ щӀыхьышхуэ диӀэ хъу зэпыту, езым хуэдэ дыхъуурэ, зэпымыууэ зыдохъуэж. А псори къызыбгъэдэкӀыр Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр арщ.
Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.
Фи Адэ лъапӀэм гущӀэгъу зэриӀэм хуэдэу, фэри гущӀэгъу зивгъыӀэ.
Зиусхьэн! Си тхьэлъэӀур зэхэх, си гухэщӀ макъри уи деж щреӀу.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и акъылыфӀагъэ уэрэд
БзаджащӀэхэм я гупыр слъагъу хъуркъым, цӀыху щӀэпхъаджэхэми гъусэ сахуэхъуркъым.
Си тӀасэ, мыхъумыщӀэ зылэжьхэм я лъэужьым уримыкӀуэу, фӀыгъуэ зылэжьхэм я лъэужьым ирикӀуэ. ФӀыгъуэ зылэжьыр Тхьэм и бынщ. МыхъумыщӀэ зылэжьым Тхьэм фӀэщхъуныгъэ хуиӀэкъым.