2 Сыгъэунэху, Зиусхьэн, сыуплъэкӀу; си гуи си пси гъэунэху;
Тхьэм и псалъэ тхахэм Мэссихь теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу: «Хэти езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр щӀегъуэжынукъым».
Си къупщхьэхэр зэхагъэщащэ хуэдэ, мыхъунхэр къызжаӀэ си бийхэм, зэпымыууэ сэ къызаӀуэкӀ: «Дэнэ щыӀэ уи Тхьэр?»
Уэ, си Тхьэ! Ди пащтыхьым хьэкумщӀыкӀэ егъащӀэ, Уи щыпкъагъэр игу илъхьэ.
Дызэрыщыгугъым дыхущӀригъэгъуэжыркъым, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу къыдитамкӀэ абы и фӀылъагъуныгъэр ди гум ину кърилъхьащи.
Си бийхэм ялъагъуу, къысхуэбгъэхьэзыращ Уэ Ӏэнэ дэгъуэ, жьантӀэр къызыбопэсри, си Ӏэгубжьэм изыбзэ къыбощӀ.
Си Ӏэхэр ныпхузоший Уэ; псы хуэлӀа щӀыгум хуэдэу, си псэр къыпщӀохъуэпс.
Гъуэгу махуэ теуващ зи хабзэншагъэ зыхуигъэгъуу, зи гуэныхьыр Тхьэм зыхуигъэкӀуэдар.
Ажалыр къахурес абыхэм уащхъуэдэмыщхъуэу; сэр папщӀэ щӀауфа хъым езыхэр ирехуэж; ирехуэж абы икӀуэдэну.
Сыту жыпӀэмэ Тхьэ ин дыдэщ Зиусхьэныр, тхьэ псоми Пащтыхьышхуэу ящхьэщ.
Тхьэм къызэрыжиӀар и псалъэу тхахэм хэтщ: «ФыкъэдаӀуэ, сэ къыхэсхауэ, уасэшхуэ зиӀэу, унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэр Сион къалэм щызогъэтӀылъ. А мывэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр щӀегъуэжынукъым».
Тхьэм и щӀыхьыр яӀэт уафэхэм, и ӀэщӀагъэм и хъыбар еӀуатэ уафэлъащӀэм.
Биниамин лӀакъуэм щыщ Куш и Ӏуэху ехьэлӀауэ, Зиусхьэным зыхуигъазэу, Даут иуса гъыбзэ
Зиусхьэныр си Ӏэхъуэщ, сэ зыми сыхуэныкъуэнкъым.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» макъамэр щӀэлъу ягъэӀу. Шаул зыфӀигъэпщкӀуэрэ, бгъуэнщӀагъым щӀыхьауэ, Даут иуса уэрэд
Шынагъуэшхуэм зэлъиубыдынщ ахэр, сыту жыпӀэмэ Тхьэр къыхуэпэжхэм ящӀыгъущ.
Гъуэгу махуэ теуващ Зиусхьэным бзаджагъэ зыхуимылъагъур, зигу хьилагъэ имылъыр!
Зиусхьэным щӀыхь хуэтщӀыныр, Уэ, Псоми Я Нэхъ Лъагэм, уи цӀэм щӀыхь уэрэд хужытӀэныр фӀыщ;