6 Апхуэдэщ Абы лъыхъухэр, и нэгу зыхуэзыгъазэр Екъуб и Тхьэм.
Ялэжьам елъытауэ ядэпсэу, яхуэфащэмкӀэ етэж абыхэм; я бзаджэщӀагъэ егъэпшыныж, я ӀэщӀагъэ пегъуэкӀ егъэгъуэтыж.
Зиусхьэным бзаджагъэ псоми сыкъыхихыжынущ икӀи сыкъихъумэурэ, езым и Тепщэныгъэшхуэу уафэм щыӀэм сыщӀишэнущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зеир Зиусхьэнырщ. Ӏэмин.
Мы дунейм дыщытеткӀэ тэхъуанэ пэлъытэу диӀэ ди пкъыр кӀуэдмэ, Тхьэм тхуиуха псэупӀэ ӀэрымыщӀ – мыкӀуэдыжын унэ уафэм зэрыщыдиӀэнур дощӀэ.
Лъэбакъуэ счыху къэси сыкъаувыхь; я нэхэр къыстрагъэдиящ, щӀыгум сытрадзэну;
Гъунэгъу дыдэ къытхуэхъуа лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжащ абы икӀи дяпэкӀэ дыкъыӀэщӀихышыжынущ. Фэ Тхьэм фызэрелъэӀумкӀэ фыкъыддэӀэпыкъуурэ, Тхьэм аргуэруи лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжыну дыщогугъ.
Бзухэм абгъуэ щащӀ абыхэм, псейр и псэупӀэщ псыхэуэм.
КъиутӀыпщри и шабзэшэхэр къатрипхъащ и бийхэм, ирикъухьащ ахэр бжыкӀэ.
А ӀуэхуитӀым сыхагъэзыхь. Мы дунейм сехыжу, Мэссихь сригъусэну сыхуейщ. Ар куэдкӀэ нэхъыфӀщ.
Ауэ Уэ улъапӀэщ, тахътэм утесу, израил цӀыхухэм щӀыхь къыпхуащӀ.