5 Си бийхэм ялъагъуу, къысхуэбгъэхьэзыращ Уэ Ӏэнэ дэгъуэ, жьантӀэр къызыбопэсри, си Ӏэгубжьэм изыбзэ къыбощӀ.
Тхьэм и псалъэ тхахэм Мэссихь теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу: «Хэти езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр щӀегъуэжынукъым».
И псалъэ тхахэм хэту Тхьэм къызэрыжиӀэм хуэдэу: «ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу, цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэр Сион къалэм щызогъэтӀылъ. ЩӀегъуэжынукъым а мывэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр».
Тхьэм къызэрыжиӀар и псалъэу тхахэм хэтщ: «ФыкъэдаӀуэ, сэ къыхэсхауэ, уасэшхуэ зиӀэу, унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэр Сион къалэм щызогъэтӀылъ. А мывэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр щӀегъуэжынукъым».
Уэ, си Тхьэ! Ди пащтыхьым хьэкумщӀыкӀэ егъащӀэ, Уи щыпкъагъэр игу илъхьэ.
Гъуэгу махуэ теуващ зи хабзэншагъэ зыхуигъэгъуу, зи гуэныхьыр Тхьэм зыхуигъэкӀуэдар.