7 СыхьэпӀацӀэщ сэ, сыцӀыхукъым, цӀыхухэм нэмыплъ къызат, лъэпкъым сызэрипэсыркъым.
Нэкум хуэдэу сыкъэхъумэ, уи дамэхэм я жьауэ щӀагъ сыщӀ.
Зиусхьэным щӀыхь хуэтщӀыныр, Уэ, Псоми Я Нэхъ Лъагэм, уи цӀэм щӀыхь уэрэд хужытӀэныр фӀыщ;
Зиусхьэныр си нэхунэщ, си КъегъэлакӀуэщ: хэт сызыщышынэнур? Зиусхьэныр си гъащӀэм и хъумапӀэщ: хэт шынагъэ зыхузиӀэнур?
Тхьэм и щӀыхьыр яӀэт уафэхэм, и ӀэщӀагъэм и хъыбар еӀуатэ уафэлъащӀэм.
Уи щӀыхьыр сӀуэтэнущ, Зиусхьэн, гууэ сиӀэмкӀэ; уи ӀэщӀагъэ гъэщӀэгъуэнхэр псори сӀуэтэнущ;
Мыпхуэдэуи жиӀащ: «Тхьэм сыщыгугъынущ». ИтӀани жиӀащ: «Мис сэрэ Тхьэм къызита бынхэмрэ».
Езыр Тхьэм щогугъ, Тхьэр абы къыхуейуэ щытмэ, мыкӀуэду кърырегъэл, «Сэ Тхьэм сри-Къуэщ» жиӀэгъащи.
ЦӀыхуу блын ебам хуэдэм, набжэ цӀырхъ ещӀам ещхьым, дапщэрэ фытебэна, ивудын щхьэкӀэ?
Шынагъуэшхуэм зэлъиубыдынщ ахэр, сыту жыпӀэмэ Тхьэр къыхуэпэжхэм ящӀыгъущ.
Абы къыхэкӀкӀэ дышынэнкъым, щӀыгур зджызджами, бгыхэр къызэтелъалъэурэ хым хэджэразэми,
Ауэ Тхьэм и унэшхуэм сыщыщӀыхьэм, къызгурыӀуащ кӀэухыу яӀэнур.