Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 21:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 ахэр Уэ къоджати, псэууэ къэнэжащ; Уэ къыпщыгугъырти, щӀебгъэгъуэжакъым ахэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 21:6
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ГъащӀэм хуэкӀуэ гъуэгухэр сыбгъэщӀащ. Сэ уи дэжи сыщыбгъэгуфӀэнущ».


ЦӀыху лъэпкъхэр зэрызехьэ хъуащ; пащтыхьыгъуэхэр зэщӀохъае. Псом я Нэхъ Лъагэм и макъ къэӀуащ, щӀыгур мэткӀу.


Лъэбакъуэ счыху къэси сыкъаувыхь; я нэхэр къыстрагъэдиящ, щӀыгум сытрадзэну;


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэрщ щӀыхьышхуэр зейр. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, уафэм къикӀыу, гурэ псэкӀэ Тхьэм и нэфӀ лъэныкъуэ псомкӀэ къытщыхуащ.


Аращи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ Ибрэхьим Тхьэм и нэфӀ къызэрыщыхуам хуэдэу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми абы и нэфӀ къащыхуэнущ.


Тхьэм езым и Къуэр къыщигъэлъагъуэм, лъэпкъхэм ящыщу япэ дыдэу къызыхуигъэкӀуар фэращ, фэ фщыщ дэтхэнэри и гъуэгу мыхъумыщӀэм трыригъэгъэкӀыу и нэфӀ къыщригъэхуэн щхьэкӀэ.


Мэссихь ди щхьэхэр къыщӀищэхужар Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъа нэфӀ щыхуэныгъэр езы Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэми ялъигъэсын папщӀэщ. Апхуэдэ щыхъукӀэ дэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дызэригъэгугъа и Псэ ЛъапӀэр дигухэм къарилъхьэнущ.


Сыту жыпӀэмэ абыхэм я джатэкӀэкъым щӀыгур зэраубыдар, я гуащӀэркъым текӀуэныгъэр къахуэзыхьар – Уи Ӏэ ижьымкӀэщ, уи гуащӀэкӀэщ, уи нэгу и нэхугъэкӀэщ; сыту жыпӀэмэ Уэ абыхэм нэфӀкӀэ уеплъащ.


ИтӀанэ Сэ къыптезгъэхъукӀынущ лъэпкъ ин дыдэ, си нэфӀ пщыхуэнущ, уи цӀэри згъэлъэгэнущ; Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр зыбгъэдэкӀынури уэращ!


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ