2 Сыт зыкъызыхуаӀэтыр щӀым щытепщэхэр, зэгуроӀуэ тепщэныгъэ зиӀэхэр, Зиусхьэнми Абы Хихами пэувыжхэу?
Дин пашэшхуэми, нэхъыжьхэми, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ адрей пашэ псоми Хьисэ укӀ тралъхьэн щхьэкӀэ, щыхьэт нэпцӀ ягъэувыну къалъыхъуэрт.
Нэху зэрыщу дин пашэшхуэ псори цӀыхухэм я нэхъыжьхэри зэчэнджэщыжри, Хьисэ укӀ тралъхьэну мурад ящӀащ.
ЦӀыху лъэпкъхэр зэрызехьэ хъуащ; пащтыхьыгъуэхэр зэщӀохъае. Псом я Нэхъ Лъагэм и макъ къэӀуащ, щӀыгур мэткӀу.
Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.
Индрис и къуэш Симон япэщӀыкӀэ къигъуэтри жриӀащ: – Мэссихьыр къэдгъуэтащ. (Мэссихьым къикӀыр «Христосыр» арщ.)
Си псалъэм акъылышхуэ хэлъщ, си гупсысэхэм – зэхэщӀыкӀ.
Аращи, пащтыхьхэ, акъыл зэвгъэгъуэт; зывгъасэ, щӀым тепщэныгъэ щызиӀэхэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэкӀуам Тхьэм и псалъэхэрщ жиӀэр. А цӀыхум и гум Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр кърилъхьэ зэпытщ.
Щыпкъагъэр фӀыуэ уолъагъу, бзаджагъэр плъагъу хъуркъым. Абы щхьэкӀэ Тхьэуэ уи Тхьэм уи гъусэхэм нэхърэ гуфӀэгъуэм и дагъэр уэ нэхъ къыпщихуащ».
Сэ сыкъэзылъагъу мыхъум си Адэри илъагъу хъуркъым.
Фарисейхэм* ящыщ гуэрхэр абы ирихьэлӀэу къакӀуэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мы щӀыпӀэр къэбгынэ, Ирод пщым и цӀыхухэм уаригъэукӀынущи.
Тхьэгурымагъуэхэм къызэрагъэпцӀар щилъагъум, Ирод икъукӀэ губжьащ. Тхьэгурымагъуэхэм къаригъэӀуэта зэманым икӀуэцӀкӀэ, Бэтлэхьэм абы и Ӏэхэлъахэ псоми щыщ къыщалъхуа сабий псори, илъэситӀ зи ныбжьым нэс, яукӀын щхьэкӀэ Ирод и зауэлӀхэр иутӀыпщащ.
Шынагъэ хузиӀэхэм Абы ерыскъы къарет; зэгурыӀуэныгъэу къарищӀылӀар игу илъ зэпытщ игъащӀэм.
ЩӀым теджалэри, макъ гуэрым къыжриӀэу зэхихащ Щаул: – Щаул, Щаул, сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр?
Дин пашэшхуэхэр,* торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, цӀыхухэм я нэхъыжьхэр абы щыгъуэ къыщызэхуэсащ Кайафэ дин пашэшхуэм и унэшхуэм.
Псалъэжьым хуэзгъэзэнщ си тхьэкӀумэ; пшынэдыкъуакъуэм и макъкӀэ зэхезгъэщӀыкӀынщ си щэху.
Гъуэгу махуэ теуващ Уэ гуащӀэ къыпхэзыгъуатэ цӀыхур, Цион Ӏуащхьэм Уэ ущагъэлъэпӀэну, гъуэгу техьэну хуэпӀащӀэхэр.