9 Ахэр ещӀэнщи, джэлэнщ, ауэ дэ дыкъэтэджыжынщи, лъэ быдэкӀэ дыщытынщ.
Си гухэщӀым сыхэту, Зиусхьэным селъэӀуати, Абы сызэхихащ.
Тхьэм хуэлажьэ Мусэмрэ Щынэмрэ я уэрэдыр жаӀэрт: «ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэ, уэ блэжь Ӏуэхухэр Ӏуэхушхуэщ икӀи Ӏуэху гъэщӀэгъуэныщэщ. Уи гъуэгухэр гъуэгу захуэщ икӀи гъуэгу пэжщ, уэ цӀыху лъапӀэхэм урапащтыхьщ.
Ар елъагъури, цӀыху бзаджэм игу къоуэ, и дзэр зэригъэшхыу, зелыгъуэж. ЦӀыху бзаджэм къыӀэщӀыхьэнкъым зыщӀэхъуэпсыр.
ЯжриӀащ Исуф абыхэм ещанэ махуэм: – Мыращ фщӀэнур, псэууэ фыкъэнэну фыхуеймэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыщошынэ Тхьэм.
ЦӀыхухэм я хьэкумыр зэратрищӀыхьыр пэжщ икӀи захуэщ. Зинэ щӀэнымкӀэ дунейр зыгъэкӀуэду щыта псэжьышхуэр абы игъэкъуэншащ. Езым хуэлажьэ цӀыхухэм я лъыуэ а псэжьышхуэм игъэжар Тхьэм иригъэпшыныжащ».
КъурмэнщӀыпӀэм къиӀукӀыу макъ гуэрым жиӀэу сэ зэхэсхащ итӀанэ: «Аращ, уэ лъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэ, цӀыхухэм хьэкум зэратепщӀыхьыр пэжщ икӀи захуэщ».
Апхуэдэ Ӏуэху зылэжьхэм Тхьэм щыпкъагъэм тету хьэкум зэратрищӀыхьынур дощӀэ.
Сэ сымамырщ; ауэ «мамырыгъэ» зэрыжысӀэу, абыхэм зауэ къаӀэт.
Уи хеягъэ нэхунэм хуэдэу, уи захуагъи шэджагъуэм хуэдэу къыхигъэщынщ Абы.
ЦӀыху бзаджэхэм зумыгъэгъапэ, мыхъуну зекӀуэхэм уемыхъуапсэ –
Зиусхьэным щыпкъагъэ зиӀэмрэ цӀыху бзаджэмрэ егъэунэху, залымыгъэ зылэжьхэр Абы игу техуэркъым.
– ХуумыӀэт уи Ӏэр ныбжьыщӀэм, йомыщӀэ абы зыри, – жиӀащ мелыӀычым, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы Сэ сощӀэ уэ Тхьэм узэрыщышынэр икӀи сэр папщӀэ уи къуэм, уи къуэ закъуэм, узэрыщымысхьар.
Мыращ Тхьэм и фӀыгъуэмрэ и пхъашагъэмрэ: и гъуэгу текӀахэм яхуэпхъашэщ, ауэ уэ Тхьэм и фӀыгъуэм зыхыумыгъэнмэ, и фӀыгъуэр къыплъигъэсынущ. Апхуэдэу мыхъумэ, уэри а жыгым укъыпищӀыкӀынущ.
– Дэ дыкъэзыгъэкӀуар дзэ пашэу Корнелийщ, – жаӀащ а лӀыхэм. – Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъу, журт лъэпкъ псоми щӀыхь зыхуащӀ цӀыхущ. И лӀыкӀуэхэм езым деж уригъашэу, жыпӀэхэм едэӀуэну мелыӀыч гуэрым унафэ къыхуищӀащ абы.