8 Языныкъуэхэр зыщотхъуж хьэрыгъажэхэмкӀэ, языныкъуэр – шыхэмкӀэ, дэ Зиусхьэну ди Тхьэм и цӀэм щӀыхь худощӀ.
Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым сыщогугъ сэ; сымыкӀуэдыну Уэ сыкъызэребгъэлынур си гуфӀэгъуэщ; си Зиусхьэну фӀыкӀэ къысхущытым сэ щӀыхь уэрэд хужысӀэнщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сигукӀэ Тхьэм и хабзэм сыщогуфӀыкӀ,
Торэт хабзэм и Ӏуэху къысхэмылъыжу, Торэт хабзэм дежкӀэ цӀыху лӀа сыхъуащ – ар къызыпкърыкӀар Торэт хабзэр арщ – Тхьэм сыхуэпсэун щхьэкӀэ. Мэссихь сригъусэу жорым сраӀулӀащ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм папщӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ иӀэ хъунукъым цӀыхум. Торэт хабзэращ гуэныхь зэрыдлэжьар къыдэзыгъэщӀэжыр.
Сыт-тӀэ жытӀэнур? Торэт хабзэм гуэныхь хэлъ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Торэт хабзэм и унафэхэр щымыӀэгъатэмэ, гуэныхьыр зыхуэдэр сщӀэнутэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт унафэм «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ уи гум йомыгъэлъ», къыжимыӀэгъатэмэ, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэр зыхуэдэр сщӀэнутэкъым.
ЗэгурыӀуэныгъэу ядищӀари игу илъащ, и лъагъуныгъэ мыкӀудыжым къыхэкӀыу гущӀэгъу яхуищӀащ.
ЗэкӀэ сызылъагъу мыхъухэр си нэщӀыбагъкӀэ щоӀущащэ, Бзаджагъэ къызащӀэну ягу иралъхьэ.
Тхьэм и гъуэгум текӀащ псори, щхьэрыуэри гъуэщащ; фӀы зыщӀэ яхэткъым – зы нэрыбги яхэткъым.
Ибрэхьим Си псалъэм къызэредэӀуам папщӀэ икӀи Сэ абы и пщэм дэслъхьар зэригъэзэщӀам папщӀэ: Си унафэхэр, Сэ хуэзгъэувахэр икӀи Си хабзэхэр.
Торэт хабзэр Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀхэм япэуврэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ цӀыхухэм гъащӀэ яӀэ зыщӀыфын хабзэ щыӀатэмэ, а хабзэмкӀэ Тхьэм дежкӀэ цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэ хъунт.
Уи цӀыху лъэпкъыр, ягъэщӀэ Зиусхьэн, Уэ уи уней цӀыхухэр егъэзыгъэ ящӀ.
Игу къеуэн хъыбар къыжраӀэным щышынэркъым; Зиусхьэным щогугъри, игурэ и щхьэрэ зэтелъщ.