1 Пшынауэхэмрэ уэрэдыӀуэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Сабийхэми сабий быдзафэхэми я жьэкӀэ щӀыхь зыхуебгъэщӀащ, къыппэувыжхэм ягу къеуэу, уи бийхэмрэ лъыщӀэжакӀуэхэмрэ бгъэувыӀэну.
Уэ зырщ, Уэ зыращ гуэныхь зэзлэжьылӀар, мыхъуну Уэ плъытэр сэ зэспэсыжащ, Уэ къыстеплъхьар захуагъэщ, сыт къысхуэжыпӀэми захуагъэщ, сыщыбгъэмысэкӀи ухейщ.
Зи нэплъэгъуэ Абы хуэзыгъазэхэм я нэгум нэхунэр щӀэзщ, напэншэ хъункъым ахэр.