8 Зиусхьэным игъэува хабзэр щыщӀагъэншэщ, уи гум и гуащӀэр егъэбыдэ, Зиусхьэным и псалъэ гъуазэр щыпкъэ защӀэщ, цӀыху къызэрыгуэкӀхэр абы акъылыфӀэ ещӀ.
«Мыр Зиусхьэным щыгугъащи, хрешыж, игу къыхуэфӀмэ, кърырегъэл», – жаӀэ абыхэм.
«ТхьэмыщкӀэхэм къину ялъагъум, зыри зимыӀэм я тхьэусыхэм папщӀэ иджы зыкъэсӀэтыжынщ, – жеӀэ Зиусхьэным, – зэрафӀэигъуэм хуэдэу, шынагъуэ ямыӀэу згъэпсэунщ».
Плъащ Содомрэ Ӏаморэрэ, Ӏэгъуэблагъэм псори къыщызэхиплъыхьри къилъэгъуащ: Ӏугъуэр къыхокӀ щӀыгум, хьэкум къикӀым хуэдэу.
Зыгуэрым и ягъэ а щыхьэтитӀым яригъэкӀыну хуеймэ, абыхэм я жьэм мафӀэ къыжьэдэкӀыурэ, я бийхэр егъэкӀуэд. Абыхэм зи ягъэ езыгъэкӀыну хэтыр аращ зэрылӀэн хуейр.
Уэшхым и пӀэкӀэ уэфыр, узылыбжьэ мафӀэри я щӀыгум къигъэкӀуащ,
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» уэрэдым и макъамэр щӀэлъу. Асаф и уэрэд. Уэрэд
Лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжу пхэлъымкӀэ, ди Тхьэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ, си хабзэншагъэхэр схуэгъэкӀуэд уи гущӀэгъуныгъэкӀэ.