7 Ар зы уафэ гъунэм къыщожьэ, адрей уафэ гъунэм нэсу къекӀухь, и хуабэ здынэмыс щыӀэкъым.
Тхьэм елъэӀуа нэужь, ахэр щызэхуэса щӀыпӀэм щӀыр щыхъеящ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр псоми я гум хуабжьу хыхьауэ, гушхуэныгъэшхуэ яхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэрт абыхэм.
НапӀэзыпӀэм щӀыр ин дыдэу хъеящ, Зиусхьэным и мелыӀыч уафэм къехри, кхъэлэгъунэм бгъэдыхьэщ, мывэшхуэр Ӏуигъэ-кӀуриикӀри, абы тетӀысхьати.
Тхьэм езым и псалъэхэр си гум кърилъхьэурэ, ахэр жысӀэну лъэкӀыныгъэ къызитауэ сиӀэми, щэху псори сщӀэми, щӀэныгъэ псори сиӀэми, бгыхэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэм згъэӀэпхъуэфыну фӀэщхъуныгъэ сиӀэми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, сэ сызырикӀщ.
Ӏэгу феуэ цӀыху лъэпкъ псори, гуфӀэгъуэм и макъ лъэщкӀэ Тхьэм зыхуэвгъазэ;
УкӀытэ ямыӀэу, щӀэнэкӀалъэ сащӀ зэпытащ, я дзэхэр къысхузэрагъэшхащ.
Уи щытхъу щыжысӀэнщ зэӀущӀэшхуэм, цӀыху Ӏувым сыхэту щытхъу щыпхужысӀэнщ сэ.
Сыту жыпӀэмэ гъунэ зимыӀэ тхьэмыщкӀагъэм сыхэхуащ сэ; сяпэ ищащ бзаджагъэ къызэзыщӀэхэр, сыплъэн слъэмыкӀыу сащӀащ; щхьэц налъэу стетым нэхърэ нэхъыбэщ ахэр; сигуми сыкъибгынащ.
Гъуэгу махуэ теуващ тхьэмыщкӀэм хуэгумащӀэр. Махуаем ар хишыжынщ Зиусхьэным.