3 Тхьэм и щӀыхьыр зы махуэм адрей махуэм лъегъэӀэс, зы жэщым адрей жэщым ирегъащӀэ Тхьэм и хъыбар.
Жьы хъуми, абыхэм фӀыр къапокӀэ, псыр ящӀэзщ, къэкӀагъащӀэм хуэдэщ,
Абы ди бийхэм дащихъумэурэ, дымыкӀуэду дыкъригъэлынущ, ди жагъуэгъухэми дакъыӀэщӀихыжынущ.
Тепщэныгъэ зиӀэхэм фащымыгугъ, цӀыхум и къуэхэу дэӀэпыкъуэгъу хъун зылъэмыкӀынухэм.
сыту жыпӀэмэ удэӀэпыкъуэгъущ Уэ сэркӀэ, уи дамэ щӀагъым я жьаум гуфӀэгъуэ уэрэд щыжызоӀэ.
Абы и хъуэпскӀым зэщӀегъэнахуэ дунеишхуэр; ар елъагъури, мэтхытх щӀыгур.
Хабзэншэхэр хуэзгъэсэнщ уи гъуэгум, уи деж къагъэзэжынщ гуэныхь зыщӀахэм.
«Уэ, ди Зиусхьэн, щӀыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, лъэкӀыныгъэшхуэри зыхуэфащэр уэращ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псори къэзыгъэщӀар уэращ, уэ уфӀэигъуэти, ахэр къэхъури, гъащӀэ яӀэ хъуащ».
Абы щыгъуэ къыдэӀэпыкъункӀэ Зиусхьэным елъэӀу дэтхэнэри мыкӀуэду къелынущ».
Тхьэр сигу къыщыкӀыжкӀэ сыхощэтыкӀ; си гупсысэхэм гупсэхугъуэ къызатыркъым.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд. Уэрэд
Ауэ Уэращ, Зиусхьэн, мэӀуу сыкъэзыхъумэр, текӀуэныгъэр сэзыгъэгъуэту, си щхьэр лъагэу сэзыгъэӀэтыр.
Сыту жыпӀэмэ жэщми махуэми уи Ӏэр сэ къыстехьэлъэ зэпытащ, гуащӀэу схэлъри, гъэмахуэ уэгъум игъэхуэлакъэ жыпӀэну, сӀэщӀэкӀуэдащ.
Уи унэ лъапӀэм ущыслъэгъуащ, уи гуащӀэрэ уи щӀыхьрэ слъэгъуащ.
ЩыпкъагъэкӀэ псэу лъэпкъхэм бгыхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ берычэтыр къахурехь.
Зиусхьэным щӀыхь хуэтщӀыныр, Уэ, Псоми Я Нэхъ Лъагэм, уи цӀэм щӀыхь уэрэд хужытӀэныр фӀыщ;
Сэ уи щӀыхь сӀуэтэнщ, си Тхьэу си пащтыхь, лӀэщӀыгъуэм лӀэщыгъуэр кӀэлъыкӀуэу, уи цӀэм щӀыхь хуэсщӀынщ.