2 Тхьэм и щӀыхьыр яӀэт уафэхэм, и ӀэщӀагъэм и хъыбар еӀуатэ уафэлъащӀэм.
Сыт хуэдэ махуи щӀыхь пхуэсщӀынщ, лӀэщӀыгъуэм лӀэщӀыгъуэр кӀэлъыкӀуэу, уи цӀэм щӀыхь хуэсщӀынщ.
ПӀэм сыхэлъу сигу укъокӀыж, жэщ къэрэгъулым я зэманым сыногупсыс,
Зиусхьэным щӀыхь хуэтщӀыныр, Уэ, Псоми Я Нэхъ Лъагэм, уи цӀэм щӀыхь уэрэд хужытӀэныр фӀыщ;
Уэращ Тхьэр! Уэращ си Тхьэр, сыплъохъу, сигукӀи си псэкӀи сыпхуозэш; щӀыгу нэщӀым, щӀыгу гъущӀам сыщыӀэу, щӀыгу псыншэм сыщыӀэу си пкъыр пхуопабгъэ.
бзэпсипщӀ зэрылъ пшынэмкӀэ, пшынэдыкъуакъуэмкӀэ, бзэпсыбэ зэрылъ пшынэмкӀэ уэрэд дэжытӀэурэ.
Мыпхуэдэуи жиӀащ: «Тхьэм сыщыгугъынущ». ИтӀани жиӀащ: «Мис сэрэ Тхьэм къызита бынхэмрэ».
Фэ, уафэм щыпсэухэ, хуэвгъэфащэ Зиусхьэным, хуэвгъэфащэ Абы щӀыхьри къарури.
Къалэ гъэбыдам хэт сыдэзышэнур? Хэт Эдом сынэзыгъэсынур?
щӀым егъэзыгъэу тет псори къригъэлын папщӀэ, хьэкум ищӀэну Тхьэр къыщежьэм.
ЦӀыху лъэпкъ псоми щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным, и щӀыхьыр фӀэт лъэпкъ цӀыкӀу псоми;