11 Тхьэм и хьэкумхэр дыщэм хуэдэщ, уеблэмэ дыщэ къабзэ куэд дыдэм йофӀэкӀ, фохьэкум нэхърэ нэхъ ӀэфӀщ.
ТекӀуэныгъэр къызэрихьар Зиусхьэным къигъэлъэгъуащ, и бйихэр зэригъэпшынэжар цӀыху лъэпкъхэм наӀуэ ящищӀащ.
Щэбэт махуэм жаӀэ уэрэд
АрщхьэкӀэ фэ, цӀыхухэм хуэдэу, фылӀэнущ, ФыкӀуэдынущ пщы псоми яхуэдэу».
Зиусхьэныр зэрызекӀуэм, абы я нэӀэ и ӀэщӀагъэм теткъыми, зэхикъутэнщи, къигъэщӀыжынкъым ахэр.
Абы и цӀэ лъапӀэм фригуфӀэ! Зиусхьэным лъыхъуэхэм ягухэр зэлърещтэ гуфӀэгъуэм.