8 ЩӀыгур къэсысри, къэлъэлъащ, къущхьэ лъащӀэхэр къэтхытхри, къэкӀэзызащ, Тхьэр къэгубжьащи.
бзэпсипщӀ зэрылъ пшынэмкӀэ, пшынэдыкъуакъуэмкӀэ, бзэпсыбэ зэрылъ пшынэмкӀэ уэрэд дэжытӀэурэ.
Щэбэт махуэм жаӀэ уэрэд
– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым.
Зиусхьэным и пащхьэ щыӀэсэ, зышыӀэ, Абы щыгугъ. Уемыхъуапсэ зи Ӏуэху къызыдэхъум, хьилагъэ зезыхьэм зумыгъэгъэгумэщӀ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» макъамэр щӀэлъу ягъэӀу. Даут и уэрэд
ЦӀыхуу блын ебам хуэдэм, набжэ цӀырхъ ещӀам ещхьым, дапщэрэ фытебэна, ивудын щхьэкӀэ?
– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр сэ зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым.
Гухэлъ бзаджэхэр зэхалъхьэ абыхэм, къагупсыса я хьилэшыгъэр щӀэуфащ, цӀыхум и акъылрэ и гупсысэрэ куущ, къэщӀэгъуейщ.
Захуагъэ сызэрытетым папщӀэ си лъэӀу зэхэх, Зиусхьэн, уи нэӀэ къытегъэт си джэ макъ, хьилагъэ зыхэмылъ ӀупщӀэм я лъэӀум уи тхьэкӀумэ къыхуэгъазэ.
Губжьыным зыщыдзей, зызыщӀумыгъаплъэ, абы къыхэкӀыр фӀыкъым.
Фэ, зиусхьэн лъэщхэ, Щыпкъагъэм тету къэфӀэта Ӏуэхухэр, хьэкумри захуагъэкӀэ ятефщӀыхьа цӀыхум я бынхэм?
Ар лъэгапӀэм кърадзыхыну абыхэм я мурадщ, пцӀыр я щӀасэщ абыхэм; фӀы жаӀэ я жьэкӀэ, ягукӀэ гыбзэм ирагъэхь.