Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 17:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Къыщыгъуэгъуащ Зиусхьэныр уафэгум, Псоми я нэхъ Лъагэм и макъ къигъэӀуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 17:14
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Уэ уи псалъэхэр абыхэм я ӀэмыщӀэ ислъхьащ. Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм зэрыщымыщым щхьэкӀэ мы дунейм и цӀыхухэм ахэр ялъагъу мыхъу хъуащ.


Фэ дунейм фыщыщу щытатэмэ, мы дунейм и цӀыхухэм езыхэм яхуэдэу фӀыуэ фыкъалъагъунт. Иджы зэрыщытымкӀэ, мы дунейм фыщыщкъым, ауэ мы дунейм фи Ӏыхьэр хэмылъыну сэ мы дунейм и цӀыхухэм фыкъыхэсхащ. Аращ мы дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу щӀэмыхъур.


– Фэ и лъабжьэм фыщыщщ, сэ и щхьэм сыщыщщ, – яжриӀащ Хьисэ. – Фэ мы дунейм фыщыщщ, сэ мы дунейм сыщыщкъым.


– «Си щӀалэ», жиӀащ Ибрэхьим, «уигу къэгъэкӀыж дунейм ущытетым уэ абы ӀыхьэфӀыр щыбгъуэтрэ, Лазар гугъу щехьу зэрыщытар. Ауэ абы игу зыгъэзагъэ фӀыгъуэхэр егъуэт иджы, уэ гугъу уохь.


– Апхуэдэу щыхъум, тепщэр и унэзехьэ хьилэщым щытхъуащ, зэрыӀущым щхьэкӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм тет цӀыхухэр зэрызэхущытымкӀэ нэху щыпкъым щызекӀуэ цӀыхухэм нэхърэ нэхъ Ӏущщ.


Ахъшэ куэд зытевгъэкӀуадэурэ зывгъэтхъэжу мы дунейм фыщыпсэуащ. Былым гъашхэм хуэдэу, фэ фыщыфӀагъэжыну махуэм щхьэкӀэ гуэныхь щӀэнкӀэ зывгъэнщӀащ.


Ди Тхьэ, пащтыхьу удиӀэщ ижь-ижьыж лъандэрэ, ди хэку текӀуэныгъэ куэд къыхуэпхьащ!


Зиусхьэну си Тхьэ, уи Ӏуэху гъэщӀэгъуэнхэри, дэркӀэ уи гухэлъхэри бэщ; хэт хъун Уэр хуэдэ! Абыхэм я хъыбар цӀыхухэм яхуэсӀуэтэн сфӀэигъуэщ, ауэ гъунэншэщ я бжыгъэр.


– Абы нэмыщӀкӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хьэсэм щыгъэпщкӀуауэ щыта мылъкушхуэр арщ. А мылъкушхуэр цӀыху гуэрым къыщигъуэтым, игъэпщкӀужщ, гуфӀэурэ кӀуэщ, иӀэ псори ищэжри, а хьэсэр къищэхуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ