12 КӀыфӀыр тепӀэн зыхуищӀащ Абы, псыр зыхэз уафапшэ Ӏувхэр Абы зришэкӀащ.
Уэ, Зиусхьэну си Тхьэ! ЩхьэегъэзыпӀэкӀэ зыныпхузогъазэ сэ; сыкъезыхуэкӀхэм псоми сащыхъумэ, саӀэщӀэх;
ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.
Хамэ псоми зэхахын щхьэкӀэ, езым и хъыбарыфӀ псори яхуэсӀуэтэну Зиусхьэныр къызбгъэдыхьэри къару къызитащ. Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдихыжам хуэдэщ ар.