9 БзаджащӀэхэу сэ къыстебанэхэм самылъагъуну, саукӀын зыфӀэигъуэ си бийхэу сыкъэзыувыхьхэм сащыхъумэ.
Аращи, си гур мэгуфӀэ, си бзэри мэубзэрабзэ. Сипкъми гугъапӀэфӀ иӀэу зигъэпсэхужынущ.
Си бийхэми си гъунэгъу дыдэхэми – псоми сауб, си нэӀуасэхэмкӀи шынагъуэ сыхъуащ: уэрамым къыщызихьэлӀэхэр збгъэдож.
ИрекӀуэд псы блэжым хуэдэу; щашэшӀкӀэ зыпыщӀыкӀа шабзэшэм хуэдэ ирехъу.
ЩӀыхьу сщӀым и Тхьэ, зумыущэху!