4 НэгъуэщӀ тхьэхэм хуэлажьэхэм гукъеуэ куэд къызыхуахьыж, лъыр зыхэт я къурмэн ядэсщӀынкъым, я тхьэхэм селъэӀункъым, я цӀэхэм я гугъу къэсщӀынкъым.
– Пасэрей цӀыхухэ мыри зэрыжраӀар зэхэфхащ: «ПцӀыкӀэ зэи тхьэ умыӀуэ, ауэ Зиусхьэным хуэпщӀа тхьэрыӀуэхэр бгъэщыпкъэжын хуейщ».
Си къупщхьэхэр си гыз макъым си фэм ирагулӀыжащ.
Ди къуэшхэр фӀыуэ зэрытлъагъум щхьэкӀэ лӀэныгъэм дыӀэщӀэкӀыу гъащӀэм дызэрыхыхьар дощӀэ. Зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур лӀэныгъэм ӀэщӀэлъщ.
Сыту жыпӀэмэ Ӏугъуэм хуэдэу си махуэхэр блосыкӀ, си къупщхьэхэр пхъэдзакӀэ ныкъуэсым хуэдэщ.
Уэ си гур бгъэунэхуащ, жэщу укъэкӀуащ си деж, укъызэплъэкӀуащ, ауэ мыхъун къысхэбгъуэтакъым сэ; Ӏеягъэ гуэри жысӀэркъым.
Абыхэм пщӀэшхуэ къытхуащӀащ, дызыхуэныкъуэхэри къытхуахьащ дыкъыщежьэжым.
Щыпкъагъэм, зышыӀэныгъэм, къемэтмахуэм теухуауэ Паул псалъэу щыщӀидзэм, Феликс къащтэри, жиӀащ: – Иджы кӀуэж, пӀалъэр къэсмэ, укъезгъэшэнщ.