6 Тхьэм хуащӀ щӀыхьышхуэр я бзэгу трырелъ абыхэм, иреӀыгъ джатэ дзитӀыр,
Тхьэм и псалъэхэм гъащӀэшхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ. Ахэр Тхьэм и бгъуитӀымкӀэ джатэ жанэм нэхърэ нэхъ жаныжщ. Псэри, гури, къупщхьэри, куцӀри зэхагъэкӀыу цӀыхум и гущӀэлъапсэм нэсыху пхрокӀ. ЦӀыхум и гупсысэхэри и мурадхэри зэхаху.
И Ӏэ ижьымкӀэ вагъуибл иӀыгът, зи дзитӀри жан джатэри и жьэм къыжьэдэкӀырт. И нэкӀури дыгъэ жьэражьэм хуэдэт.
ЦӀыху гупышхуэм я макъышхуэми, псыдзэ куэдым я макъышхуэми, уафэгъуагъуэм хуэдэ макъышхуэхэм мыпхуэдэу жаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «Аллилуя! ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэу, ди Зиусхьэну Тхьэм тепщэныгъэшхуэр зэриӀэр къигъэнэхуащ.
Абы и хъуэпскӀым зэщӀегъэнахуэ дунеишхуэр; ар елъагъури, мэтхытх щӀыгур.
«ЩӀыхьышхуэр уафэмкӀэ зейр Тхьэращ. ЩӀылъэмкӀи Тхьэр арэзы зыхуэхъу цӀыхухэм гузэгъэгъуэр яйщ».
Зиусхьэн! Уэ срыуиӀурыщӀэщ си анэ зэрыуиӀурыщӀауэ. Ӏэхъулъэхъухэр Уэ степхащ.