1 Зиусхьэным щӀыхь хуэщӀ, Ерусалим; щӀыхь хуэщӀ, Цион, уи Тхьэм.
Зиусхьэнхэм я Зиусхьэныжым щӀыхь хуэфщӀ, мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;
И акъыл имытыж хуэдэу Абимэлэк и пащхьэм зыкъыщищӀри, абы деж кърахуу щыхыхьэжым, Даут иуса уэрэд.
Зиусхьэным тепщэныгъэр иӀыгъщ; тепщэныгъэшхуэр и фащэщ Зиусхьэным, лъэкӀыныгъэ иныр и Ӏэрылъщ, дунеишхуэр быдэу игъэуващ, ар и щӀыпӀэ зыми иригъэкӀынкъым.
СекӀуэлӀэнщ Тхьэм и къурмэнщӀыпӀэм, Тхьэуэ лъэщу сызыгъэгуфӀэм деж; Уэ, си Тхьэ, уи щытхъур шыкӀэ пшынэмкӀэ згъэӀунщ.
Уи тахътэ игъащӀэкӀэ щытыну бгъэуващ Уэ, ууахътыншэщ.