8 нэфхэр къегъэплъэж Зиусхьэным, къиным иухуахэр зыпкъ ирегъэувэж Зиусхьэным; къыхуэщыпкъэхэр фӀыуэ елъагъу Абы.
ЩӀыпӀэу Уэ яхуэбгъэнэхуам – бгыхэм докӀ, кӀейхэм ирокӀуэ псыхэр.
Цион къалэм папщӀэ Тхьэм жиӀэнщ: «Мыбы хуэдэр икӀи мыбы хуэдэ цӀыхур абы къыщыхъуащ, сыту жыпӀэмэ Псоми Я Нэхъ Лъагэр арщ а къалэр зыгъэбыдэнур».
И гъунэгъур щэхуу зыубыр сэ зыбгъэдэсхунщ; и нэплъэгъукӀэ пагэу, игукӀэ зыкъызыфӀэщӀыжыр схуэшэчынкъым.
Дэ тщӀа гуэныхьхэм къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу дыщыта пэтми, гущӀэгъушхуэ зиӀэ Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм щхьэкӀэ Мэссихь дригъусэу дыкъигъэпсэужащ. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ дыкъригъэлащ дымыкӀуэду.
АкъылыфӀагъэ псоми гурыӀуэныгъэ псоми щӀыгъуу, Тхьэм а нэфӀ щыхуэныгъэшхуэр къытлъигъэсащ.
Апхуэдэу щӀищӀар и щӀыхьышхуэм тету и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀэ дэ езым щӀыхь хуэтщӀын папщӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и Къуэу фӀыуэ илъагъум къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ куэду къытщыхуащ.