3 Тепщэныгъэ зиӀэхэм фащымыгугъ, цӀыхум и къуэхэу дэӀэпыкъуэгъу хъун зылъэмыкӀынухэм.
Цы увым хуэдэу уэсыр къет; жэпыр яжьэу кърепхъых.
Сыту ин Тхьэм и фӀыгъуэшхуэр, и акъылъыфӀагъэшхуэр, и щӀэныгъэшхуэр! И гухэлъышхуэхэр зэхихун зыми лъэкӀынукъым. И Ӏуэхухэми я ужь ихьэн зыми лъэкӀынукъым.
Зиусхьэным жесӀащ сэ: «Уэ узи-Тхьэщ»; къызэхэх, Зиусхьэн, си тхьэлъэӀу макъ!
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд. Уэрэд
Абы и хъуэпскӀым зэщӀегъэнахуэ дунеишхуэр; ар елъагъури, мэтхытх щӀыгур.
Тхьэм хуэлажьэ Мусэмрэ Щынэмрэ я уэрэдыр жаӀэрт: «ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэ, уэ блэжь Ӏуэхухэр Ӏуэхушхуэщ икӀи Ӏуэху гъэщӀэгъуэныщэщ. Уи гъуэгухэр гъуэгу захуэщ икӀи гъуэгу пэжщ, уэ цӀыху лъапӀэхэм урапащтыхьщ.