2 Сыпсэуху, щӀыхь хуэсщӀынщ Зиусхьэным; сэ сыпсэуху, Зиусхьэным щӀыхь уэрэд хужысӀэнщ.
Абы щхьэкӀэ Тхьэм и тахътэм и пащхьэм итщ икӀи жэщи махуи Тхьэм и унэшхуэм щӀэту Тхьэр ягъэлъапӀэ. Тахътэм тесри ядэпсэунущ.
ПаупщӀа мэкъупӀэр къигъэкӀыжу, уэру къытешхэурэ, щӀыгур зыгъэщӀытэж уэшхым хуэдэ ди пащтыхьыр ирехъу.
Ауэ цӀыху бзаджэхэм жаӀэм хуэдэ жысӀатэмэ, Уэ уи цӀыху лъэпкъым и пащхьэм мысэ сыщыхъунти.
Яхэтщ Ар пшагъуэмрэ кӀыфӀ зэфэзэщымрэ; щыпкъагъэмрэ захуагъэмрэ тетщ Абы и тахътэр.
Зиусхьэным Ерусалим егъэувыж, еугъуеиж Израил ирахуахэр.