9 Псоми яхуэфӀщ Зиусхьэныр, Абы къигъэщӀа псоми яхуещӀ гущӀэгъу.
Зиусхьэным ар къихъумэнщ, псэууэ къигъэнэнщ. ЩӀыгум ар щынасыпыфӀэнщ. И бийхэм я Ӏэ ирилъхьэнкъым ар.
УэрэдыщӀэ хужыфӀэ Зиусхьэным: Абы хуэщыпкъэхэм я зэӀущӀэм Абы щӀыхь щыхурещӀ.
Зиусхьэным тепщэныгъэр иӀыгъщи, цӀыху лъэпкъхэр ирегулэз! мелыӀычхэм ящхьэкӀэ и тахътэ Ар тесщи, щӀыгур иретхытх!
ТӀысыпӀэ лъапӀэм, псэущхьиплӀым, тхьэмадэ нэхъыжьхэм я пащхьэм уэрэдыщӀэ къыщыжаӀэрт. ЦӀыху минищэрэ плӀыщӀрэ плӀым фӀэкӀа а уэрэдыр зыми зригъэщӀэн лъэкӀакъым. Мы дунейм и цӀыхухэм ящыщу ахэрщ Щынэм зи щхьэ къищэхужар.