4 Зы щӀэблэм адрей щӀэблэм хуиӀуэтэжынщ Уэ уи ӀэщӀагъэхэм я щӀыхьыр; уи Ӏуэхушхуэ гъэщӀэгъуэнхэм я хъыбар зэлъащӀысынщ.
Сыту жыпӀэмэ уафэр щӀыгум зэрыщхьэщылъагэм хуэдэу, фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэм мыкӀуэдыж лъагъуныгъэ яхуиӀэщ Зиусхьэным.
Си псэр пкӀэрыпщӀащ Уэ. Уи Ӏэ ижьым сэ сиӀыгъщ.
КӀуэдыпӀэм дыкъызэрипшыжар цӀыхухэм ящызбзыщӀакъым, щыпкъагъэ къызэрытхууиӀэмрэ дыкъызэребгъэламрэ яхуэсӀуэтащ, зэӀущӀэшхуэм сыщыхэтам, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэу зепхьэмрэ сущэхуакъым.