7 Уи Ӏэр лъагапӀэм къешиехи, сыкъегъэл, псыбэм сыхэшыжи; хамэ цӀыхухэм саӀэщӀэхыж,
Фэ, уафэм щыпсэухэ, хуэвгъэфащэ Зиусхьэным, хуэвгъэфащэ Абы щӀыхьри къарури.
Уи цӀыху лъэпкъыр къегъэл мыкӀуэду, Ӏэхъуэ хуэхъу, хуэгумэщӀ игъащӀэкӀэ уи ӀыхьэфӀ хъу цӀыху лъэпкъым!
Сыту жыпӀэмэ къулейсызи, тхьэмыщкӀи, дэӀэпыкъуэгъу зимыӀи, елъэӀу псори гугъуехьым къыхешыж абы.
Зиусхьэным щӀыхь хуэщӀ, сигу, Абы и фӀыщӀэ псори зыщумыгъэгъупщэ.
Я напэ трырекӀ, емыкӀуи кърехь си псэм къещэхэм! Мыгъуагъэ къызэхъулӀэн зыфӀэигъуэхэр я напэ текӀауэ зэщӀрекӀуэж!
Дунейм къыщыхъунум пэплъэрэ, шынагъуэм зэщӀищтауэ цӀыхухэр зэтемэхынущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уафэм щыӀэ къарухэр къызэщӀэхъеенущ.
Сыту жыпӀэмэ Уэращ, Зиусхьэн, сызщыгугъыр, си цӀыкӀугъуэм щыублауэ си дзыхьщӀэгъур.
Зиусхьэн! Уэ уи щӀыгум нэфӀкӀэ укъеплъыгъащ, Екъуб и мылъкур ебгъэгъуэтыжыгъащ.