6 уафэхъуэпскӀыр къэгъэлыди, уи бийхэр зэбгрыху; уи шабзэшэхэр утӀыпщи, ахэр зэбгрыху.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Зиусхьэн, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ ди Тхьэ! Хэт Уэ пхуэдэу гуащӀащафӀэр, Зиусхьэн? Щыпкъагъэр Уэ къощӀэкӀащ лъэныкъуэ псомкӀи.
Зиусхьэн! Уэ уи щӀыгум нэфӀкӀэ укъеплъыгъащ, Екъуб и мылъкур ебгъэгъуэтыжыгъащ.
Махуэшхуэхэм ящыщу иужьрей я нэхъ лъапӀэ махуэм къэуври, Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ: – Псы хуэлӀэр си деж кърекӀуи, ирефэ.
Уи нэхунэрэ щыпкъагъэу пхэлъымрэ къыслъэгъэӀэс; абыхэм срырешажьи, срешэ уи Ӏуащхьэ лъапӀэмрэ уи унэшхуэ узыщыпсэумрэ я деж.
Хым и губжь лъэщыр уи Ӏэ илъщ; абы и толъкунхэм зыкъыщаӀэткӀэ, Уэ уогъэӀэсэж ахэр.