Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 143:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Езыращ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхуэзыщӀыр, быдапӀэу икӀи хъумапӀэу сиӀэр, сыхэзышыжыр, мэӀу къысхуэхъур, щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр; цӀыху лъэпкъхэр схуэӀурыщӀэну Абы си Ӏэ кърелъхьэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 143:2
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм папщӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ иӀэ хъунукъым цӀыхум. Торэт хабзэращ гуэныхь зэрыдлэжьар къыдэзыгъэщӀэжыр.


Дэ гуэныхь дымыщӀауэ жытӀэмэ, Тхьэр пцӀыупсу жытӀауэ мэхъу, абы и псалъэхэри ди гум илъкъым.


Ауэ дэ дыжуртми, мыр дощӀэ: ЦӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъым, атӀэ Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр. Аращи, дэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъуащ, МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн папщӀэ. Торэт хабзэм итхэр дгъэзэщӀэным и Ӏуэху абы хэлъкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, цӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъыми.


Иджы щегъэжьауэ игъащӀэкӀэ Израилыр щрегугъ Зиусхьэным.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ