Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 143:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Уэ, пащтыхьхэм текӀуэныгъэр езытым, уи ӀурыщӀэ Даут къезыгъэлам;

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 143:10
36 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ауэ фэ фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр – ар Тхьэм и Псэ ЛъапӀэрщ, – Адэ лъапӀэм си цӀэкӀэ къыфхуригъэхынущ. Абы псори фигъэщӀэнущ икӀи сэ нывжесӀа псори фигу къигъэкӀыжынущ.


Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ фызыхуэныкъуэр фи гум кърырелъхьэ. Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ фрегъэгъэзащӀэ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр аращ. Ӏэмин.


Хэт Зиусхьэным и Ӏуащхьэ дэкӀуеину, хэт Абы и щӀыпӀэ лъапӀэм иувэну хуитыр?


Мэссихь езым и Псэ ЛъапӀэр фэ къыфхуригъэхащ, и Псэри сыт щыгъуи фи гум илъынущ икӀи зыгуэрым зыгуэр фигъэщӀэну фыхуэныкъуэкъым, Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэхугъуэ псоми ятеухуахэр фегъащӀэри. Абы щыпкъагъэ иӀэщ икӀи пцӀы хэлъкъым. Мэссихь зэрывигъэщӀам хуэдэу, езыр фи псэм сыт щыгъуи хэвгъэлъ.


Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьам ди гум шынагъуэ кърилъхьэркъым, атӀэ лъэкӀыныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, зышыӀэныгъэр ди гум илъ ещӀ.


ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсыну дыщызыгъэгугъ Тхьэм гуфӀэгъуэшхуэрэ гузэгъэгъуэшхуэрэ фигухэм кърырелъхьэ, езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фигухэм гугъэшхуэр из хъун щхьэкӀэ.


Абыхэм я пашэхэр бгы задэм кърадзыхауэ, зэтеджэлауэ зэхэлъщ, ялъагъу си псалъэхэр зэрыщыпкъэр.


Апхуэдэу дэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэхэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыддоӀэпыкъу; Тхьэм дызэрелъэӀун хуей щӀыкӀэр тщӀэркъыми. Ауэ псалъэхэм къамыубыд щэӀумкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм тхуолъэӀу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу гъащӀэ щыпкъэр къыдэзытым и хабзэм гуэныхьымрэ лӀэныгъэмрэ я хабзэм и тепщэныгъэм сыкъыщӀихыжри, щхьэхуит сищӀыжащ.


Дызэрыщыгугъым дыхущӀригъэгъуэжыркъым, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу къыдитамкӀэ абы и фӀылъагъуныгъэр ди гум ину кърилъхьащи.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гур хэвмыгъэщӀ. Тхьэм фи щхьэхэр щищэхужыну махуэм нэсыху, езым и Псэ ЛъапӀэр, мыхъурым хуэдэу, фи гум кърилъхьащ.


Сэ гъуэгу захуэм сытетщ; Зиусхьэным и щӀыхьыр щысӀуэтэнщ зэхуэсышхуэм.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀыгъуэ псори, захуагъэ псори, щыпкъагъэ псори нэхум къыпокӀуэ.


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд


Си къуэшхэ, мыбыкӀэ сыныволъэӀу: ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ фӀылъагъуныгъэм щхьэкӀи, гъусэ фыкъысхуэхъуи, Тхьэм фи фӀэщу фысхуелъэӀу.


Гукъеуэшхуэм си псэр егъэхыщӀэ: дыкъызэрыбгъэгугъам тету сигу къэгъэбыдэ.


Зиусхьэныр си Ӏэхъуэщ, сэ зыми сыхуэныкъуэнкъым.


унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ