7 Уи цӀэм щӀыхь хуэсщӀын папщӀэ, сыкъишыж хьэпсым. Щыпкъагъэ зиӀэхэр, фӀыгъуэу къысхуэпщӀам щхьэкӀэ, къыщызэруугъуеинущ си деж.
Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, (ди Тхьэ), уэр щхьэкӀэ даукӀынкӀэ махуэ къэс шынагъуэщ. Мэл фӀэгъэжыныпхъэхэм хуэдэу далъытэ».
Сыту жыпӀэмэ зыкъыспаӀэтащ напэншэхэм, си псэм къощэ цӀыху залымхэр; абыхэм Тхьэр ӀэщӀыб ящӀащ.
ЦӀыхухэм нэгъуэщӀ гуэрхэри мывэкӀэ еуэурэ яукӀащ, зыгуэрхэри пхъэм хуэдэу зэпахащ, нэгъуэщӀ гуэрхэри джатэкӀэ яукӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухэм мэлыфэрэ бжэныфэрэ ящыгъыу къакӀухьу, щыщӀагъэ яӀэу, гузэвэгъуэ хэту, цӀыхухэм хьэкӀэкхъуэкӀагъэ къращӀэу щытащ.
Пэжу, укӀкӀэ хьэкум дигукӀэ зытетщӀыхьыжат. Ар щӀэхъуар ди щхьэм дыщымыгугъыжу, лӀахэр къэзыгъэтэджыж Тхьэм дыщыгугъын щхьэкӀэщ.