5 Срегъэпшынэж щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхум: ар гущӀэгъущ, къыщӀрегъэщ абы си къуаншагъэ; ар си щхьэм къемыгуэуэн дагъэ дэгъуэщ; ауэ си лъэӀухэр абыхэм я бзаджагъэм поув.
Бийр си ужь итщ, си гъащӀэр щӀым хиутащ; куэд щӀауэ лӀахэм яхуэдэу кӀыфӀым сыщыпсэуну сищӀащ;
Тхьэм и къущхьэхэм яхуэдэщ уи захуагъэр, уи хьэкумхэр хым и кууупӀэм ещхьщ! цӀыхуи былыми уахуэгумащӀэщ, Зиусхьэн!
я нэхъ ущхъухьэкӀуэ Ӏэзэм и макъи зэхэзымых блэ дэгуу зи тхьэкӀумэ зэхуэзыщӀам хуэдэщ.
Пагагъ зигу имылъхэм яӀэщӀыхьэжынущ щӀыгур, дунейм и къулеигъэм гуфӀэгъуэ щагъуэтынущ абыхэм.
Сыту жыпӀэмэ жэщми махуэми уи Ӏэр сэ къыстехьэлъэ зэпытащ, гуащӀэу схэлъри, гъэмахуэ уэгъум игъэхуэлакъэ жыпӀэну, сӀэщӀэкӀуэдащ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд