10 БзаджащӀэхэр зырызыххэурэ ирехуэж я хъым, сэ сщхьэщыкӀыурэ.
«ТхьэмыщкӀэхэм къину ялъагъум, зыри зимыӀэм я тхьэусыхэм папщӀэ иджы зыкъэсӀэтыжынщ, – жеӀэ Зиусхьэным, – зэрафӀэигъуэм хуэдэу, шынагъуэ ямыӀэу згъэпсэунщ».
«Мыр Зиусхьэным щыгугъащи, хрешыж, игу къыхуэфӀмэ, кърырегъэл», – жаӀэ абыхэм.
Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.
МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.
мафӀэшхуэ зэрылъ хьэкум ирадзэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.
МелыӀычхэм а цӀыхухэр зэхуашэсынурэ, мафӀэшхуэ зэрылъ хьэкум ирадзэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.
Щыпкъэщ, щхьэукъуэркъым, хэжаеркъым Израилым и хъумакӀуэр.
Зиусхьэным къатрикӀащ Содомрэ Ӏаморэрэ уэшхым хуэдэу тхъуэбзащхъуэмрэ мафӀэмрэ, уафэм щыӀэ Зиусхьэным къыбгъэдэкӀыу.
Абы и гужьгъэжьыр езым и щхьэм къылъосыж, и бзаджагъэр и щхьэм къытохуэж.
ЩӀыгум и къуапэхэм щыпсэу цӀыхухэм ягъэщӀагъуэ уи Ӏуэху лъэщхэр. Дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀи дыгъэ къухьэпӀэмкӀи гуфӀэгъуэ макъышхуэ щыбогъэӀу.