1 Зиусхьэн! Сыноджэ уэ, къыздэӀэпыкъу; щӀэхыу къэс си деж, си тхьэлъэӀу къызэхэх, сыноджэ щыхъукӀэ.
ЩӀэпхъаджагъэ зезыхьэ цӀыхухэм сащӀыгъуу бзаджагъэ щӀэным зестыну си гур думыгъэхьэх, абыхэм я ефэ-ешхэшхуэм щыщ Ӏыхьэ къысӀуумыгъахуэ.
ЦӀыху лъэпкъым тхьэмыщкӀэу хэтхэм я Ӏуэху кърехъумэ, кърегъэл зылъэмыкӀхэр, цӀыхухэр егъэзыгъэ зыщӀхэр зэхрекъутэ.
Абы и нэхунэ кӀэрыкӀащ пшэхэр зэрызехьэу, мафӀэстхъумрэ уэфымрэ къахэтакъуэу.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд