Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 133:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Уафэмрэ щӀылъэмрэ къэзыгъэщӀа Зиусхьэным, Цион щыӀэу и нэфӀ фэ къыфщихуэнщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 133:3
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Щыхьэтыгъэр мыращ: Тхьэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ къыдитащ икӀи а мыкӀуэдыжын гъащӀэр Тхьэм езым и Къуэм къыдитыну ищӀащ.


Аращи, цӀыхухэр гуэныхь лэжьыным и ӀэмыщӀэ илъти, лӀэныгъэр Ӏыхьэу абыхэм къалъигъэсащ Тхьэм. Апхуэдабзу Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и ӀэмыщӀэ цӀыхухэр зэрилъым щхьэкӀэ, абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытэнущ Тхьэм. Аращи, Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным кыпкъырыкӀыу мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъунущ абыхэм.


Лъэбакъуэ счыху къэси сыкъаувыхь; я нэхэр къыстрагъэдиящ, щӀыгум сытрадзэну;


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь щӀэным къыхэкӀыр лӀэныгъэщ, ауэ Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэныр ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ Тхьэм къыдит тыгъэшхуэр мыкӀуэдыжын гъащӀэщ.


– Зиусхьэн, хэт деж дыкӀуэн? – къыжриӀащ Симон Петр Хьисэ. – МыкӀуэдыжын гъащӀэ диӀэ зыщӀ псалъэхэр уи куэдщ.


ФӀы зыщӀахэр псэуну къэтэджыжынущ, Ӏей зыщӀахэри я къуаншагъэм хуэфащэр ягъуэтыжыну къэтэджыжынущ.


ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ.


Мэссихь дызэригъэгугъар мыкӀуэдыжын гъащӀэщ.


Ауэ Уэ улъапӀэщ, тахътэм утесу, израил цӀыхухэм щӀыхь къыпхуащӀ.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэм едаӀуэу, сыкъэзыгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ. Тхьэм ар игъэкъуэншэнукъым, ар лӀэныгъэм ӀэщӀэкӀыжри, гъащӀэм ӀэщӀыхьащ.


– Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ.


Ди адэжьхэр Уэ къыпщыгугъащ; хэкӀыжащ, къыпщыгугъти;


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ