2 уигу къэгъэкӀыж Зиусхьэным тхьэлъану хуищӀар, Екъуб и Тхьэ лъэщым псалъэ зэрыритар;
Си къуэшхэ, фи гупсысэкӀэкӀэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. Бзаджагъэ зыхэмылъ сабийхэм лажьэ зэрамыӀэм хуэдэу, фэри фремыӀэ, фи гупсысэкӀэкӀи зи ныбжь нэса цӀыхухэм хуэдэ фыхъу.
Пэжыр нывжызоӀэ, сабийм Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэ дэтхэнэри а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.
Теубыдагъэ фиӀэмэ, фи псэр мыкӀуэду къевгъэлынущ.
Уэращ си пащтыхьыр, си Тхьэр! Израил лъэпкъым текӀуэныгъэр къихьыну унафэ щӀы.
Иудэ къум нэщӀым щыӀэу, Даут жиӀа уэрэд
Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ; сыту жыпӀэмэ сэ Абы щӀыхь хуэсщӀынщ иджыри – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.