2 Ауэ анэ бгъафэм къыщӀача сабийм хуэдэу, си гур згъэӀэсащ, згъэсабыращ, анэ быдзышэм хуэмыныкъуэж сабийм хуэдэу, сигукӀэ сыхъуащ иджы.
Абыхэм я пашэхэр бгы задэм кърадзыхауэ, зэтеджэлауэ зэхэлъщ, ялъагъу си псалъэхэр зэрыщыпкъэр.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Хуэвгъэфащэ Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь, фащэ лъапӀэр фщыгъыу, Зиусхьэным щхьэщэ хуэфщӀ!
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд Зиусхьэным и ӀурыщӀэ Даут, Зиусхьэным ар Шаули адрей и бий псоми емыкӀуэдылӀэну щащихъумэм, Зиусхьэным хуэкӀуэу мы уэрэдым хэлъ псалъэхэр мыпхуэдэу жиӀащ:
КъыщӀэдэӀу си гуо макъым, си Пащтыхь, си Тхьэ, Уэращ сызэлъэӀур.