Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 13:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Зиусхьэныр уафэгум къоплъыхри, дуней цӀыхухэм къахоплъэ, акъыл зиӀэрэ Езым лъыхъурэ яхэтмэ, зригъэлъагъуну.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 13:2
44 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Пэжщ, лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуауэ сымэджащ. Ауэ Тхьэм гущӀэгъу къыхуищӀащ, абы и мызакъуэу, сэри гущӀэгъу къысхуищӀащ, си гум къемыуэн даӀимауэ щхьэкӀэ.


Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ГухэщӀышхуэрэ зэпымыужын гукъеуэрэ сиӀэщ.


Мы Ӏуэхухэр сэ зэрывжесӀам щхьэкӀэ, гукъеяуэшхуэ фиӀэ хъуащ.


Абыхэм яжриӀащ: – СылӀэн хуэдэ, хуабжьу согузавэ. Фымыжейуэ, фысакъыу мыбы си гъусэу фыщыӀэ.


Сэ игъащӀэкӀэ яхуэсӀуэтэнщ Екъуб и Тхьэм и щӀыхьыр, щӀыхь хуэсщӀынщ уэрэдкӀэ.


СекӀуэлӀэнщ Тхьэм и къурмэнщӀыпӀэм, Тхьэуэ лъэщу сызыгъэгуфӀэм деж; Уэ, си Тхьэ, уи щытхъур шыкӀэ пшынэмкӀэ згъэӀунщ.


Абы и губжьым зыкъригъэӀэтащ пшэсым, и жьэм къыжьэдэкӀащ узыхь мафӀэр; мафӀэлыгъэр Абы къиутхащ.


Хамэ лъэпкъхэр бгъэкъуэншащ, бгъэкӀуэдащ цӀыху бзаджэхэр, я цӀэхэр лӀэщӀыгъуэхэм игъащӀэкӀэ хэбгъэкъэбзыкӀащ.


Зиусхьэну ди Тхьэ! Уи цӀэр сыту щылъапӀэ щӀыгум дэнэкӀи, уафэм нэхъ лъагэу уи щӀыхьым зиӀэтащ!


Уэ, Зиусхьэну си Тхьэ! ЩхьэегъэзыпӀэкӀэ зыныпхузогъазэ сэ; сыкъезыхуэкӀхэм псоми сащыхъумэ, саӀэщӀэх;


Тхьэм и унэшхуэм сывигъусэу махуэ къэс сыщӀэтт, ауэ сывубыдакъым. Фи пӀалъэр къэсащ иджы икӀи мы сыхьэтым кӀыфӀыгъэ бзаджэм тепщэныгъэр ӀэщӀыхьащ.


Псэуэ схэтыр гумэщӀыгъэм зэлъищтащ; атӀэ Уэ, Зиусхьэн, сыт хуэдизрэ сызэбгъэжьэну?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ