2 Израилыр зэрызэфӀэувэ лъандэрэ куэдрэ дыкърахуэкӀащ, ау къытпэлъэщын ялъэкӀакъым.
Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.
«ФӀыгъуэ къохъулӀэн икӀи куэдрэ мы дунейм ущыпсэун щхьэкӀэ», жиӀэурэ.
Уи нэкӀум пщӀэнтӀэпсыр къежэхыу, уи щӀакхъуэ Ӏыхьэр пшхынущ укъызыхэкӀа щӀыгум ухыхьэжыхукӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ усабэщи, сабэм ухыхьэжынущ.
ПсыжапӀэм щыхаса жыгым хуэдэщ ар, къыпыкӀэр и пӀалъэм хъууэ, и тхьэмпи мыгъуалэу; сыт хуэдэ Ӏуэху ищӀэми, абы къохъулӀэ.